Astemir Shebzukho Блогер - Astemir Shebzukho

07.12.2014.
Дыгъэгъазэм и 6-м адыгэ щ1алэгъуалэр Налщыч щызэхуэсри джэгурэш зэпеуэм я зэф1эк1ыр щагъэлъэгъуащ. Гуп къыхэхахэр къик1ащ Хьэт1охъущыкъуей III-нэ къуажэм (Куба), Абзуан хьэблэ (Къулъкъужын ипщэ), Хьэтыуей, Ашэбей (Малкэ), Налщыч дэт 13-нэ курыт еджап1эхэм. Сэри хеящ1эу сырагъэблэгъат мы 1уэхур къызэзыгъэпэща Хьэт1охъущокъуэ Къазий и ц1эр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и лэжьак1уэхэм.  Курыт еджап1эхэм къабгъэдэк1ыу къэк1уа гуп къыхэхахэм зым нэхърэ адрейм и ц1эр нэхъ гъэщ1эгъуэну къапгупсысат: 1). Хьэт1охъущыкъуей III-нэ - "Нэхунэ ц1ык1ухэр" 2). Абзуан хьэблэ - "Лъэгъупыкъухэр" 3). Хьэтыуей - "Хьэтыуей…
Хабзэ зэрыхъуауэ Налщыч илъэсым и  к1уэц1ым къыриубыдэу пл1э усэ пшыхь щызэхашэ. Жэрдэмыр зейр "Жан" ц1ыхубз жылагъуэ зэгухьэныгъэращ. Дыгъуасэ Саральп Мадинэ и унэм "Гъэмахуэегъэжьэж" усэ пшыхьыр щек1уэк1ащ.  Мы бжьыхьэ дызыхуэк1уэм 1уэху дахэр Къаныкъуэ Заринэ, Гумэ Маринэ, Саральп Мадинэ сымэ къызэрырахьэжьэрэ илъэситху ирокъур. Сызэреплъымк1э, ди ц1ыхубз щэджащэхэм гъуэгуанэ хъарзынэ къызэранэк1ыфащ. Ц1ыхупсэхэр усыгъэм къыхуэгъэушынымк1э, щэнхабзэм и 1эф1агъыр зэхегъэщ1эжынымк1э мы 1уэху дахэм пхужымы1эну мыхьэнэ и1эщ. Дыгъуасэ Саральп Мадинэ и унэм къыщы1уащ Хьэвжокъуэ Людмилэ, Гугъуэт Заремэ, Къуэщ1ысокъуэ Марьянэ сымэ я…
16.04.2014.
  Думэн Мурадин къыбгъэдэкIыу хъыбарыфI:Мэлыжьыхьым (апрелым) и 24-м Налщыч ЭстрадэмкIэ и театрым «Пшынауэ пшыхь» зыфIэтща Iуэхугъуэр едгъэжьэнущ. Пшыхьым къырихьэлIэнухэщ адыгэ пшынауэ Iэзэхэр. ЩыщIидзэнур: сыхь.18.30-м.  ЩекIуэкIынур - Тэрчокъуэм и уэрам, 35 - КРЦ "Паллацо Верди".  ЩIыхьэпщIэ хуейкъым. Псори фыкъыдогъэблагъэ!
Гъатхэпэм и 21-м дуней псом усыгъэм и махуэр щагъэлъап1ащ. Абы ирихьэл1эу Налщыч хабзэ зэрыхъуауэ "Гъэм и теплъэгъуэхэр. Гъатхэ" зыф1аща усэ пшыхьыр щек1уэк1ащ. "Жан" ц1ыхубз жылагъуэ зэгухьэныгъэм зэхиша 1уэху дахэм къырихьэл1ахэщ усыгъэр зи гум 1эпих ди лъэпкъуэгъухэр, къыщнэмыщ1ауэ, Абхъазым къик1а тхак1уэ ныбжьыщ1э гуп.  Гъэрэ щ1ырэ зэрызэхэк1ым щыхьэт техъуэ щ1ык1эу а махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм жьыр шк1ащ1э къалъхуауэ щыджэгуащ. Лениным и уэрамым тета псеишхуэр къызэрырищ1ык1ар псоми фщ1э хъунщ. Дуней зэрызехьэм игъэшына, хьэмэрэ лэжьап1эм къызэтригъэувы1а, дапхуэду щымытми, пшыхьым…
18.02.2014.
  "…Ядами сэр щхьэкIэ адыгэ фащэр, Кавказ псом хуэхъуащ" (МэшбащIэ Исхьэкъ)Адыгэ фащэр кIэрыч имыIэу, адыгэр дызыгъэадыгэхэм ящыщ зы Iуэхугъуэу ижь-ижьыж лъандэрэ къыддогъуэгурыкIуэ!Иджыпсту ар лъэпкъ куэдым я фащэу жаIэ, цIэ нэгъуэщIхэри фIащ. Iуэхур абы щIынэсам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр фащэр дэ езым IэщIыб зэрытщIыжыращ. Аращи, маржэ хъужыхэнхэ, щыдывгъэтIагъэж ди адыгэ фащэр. Псоми ди зэфIэкIымрэ дахагъэмрэ едывгъэгъэлъагъу!Тхьэм жиIэрэ, дыпсэурэ дыузыншэм, гупым хэтхэр дызэхуэсурэ фащэ тщыгъыу ди уэрамхэм дыкъыдыхьэн дигугъэщи, фыкъытхыхьэмэ, Iуэху къетхьэжьар къыддэфIыгъымэ, ди гуапэщ! Фыкъеблагъэ: http://vk.com/cherkesskii_kostum Ди Iуэхур…
12.02.2014.
Мы статьяр иджыпсту къыс1эрыхьащ. Сынывдэмыугуашэу си гум идакъым. Феджи фегупсыс: Илъэсрэ ныкъуэм щ1игъук1э Вольнэ Аул дэт зыгъэпсэхуп1э унэм щыпсэуащ Сирием щек1уэк1 зауэм зи псэ къыхэзыха ди лъэпкъэгъу адыгэхэу ц1ыху 50-м нэс. А щ1ып1эм абыхэм ща1а псэук1эм куэд щыгъуазэщ, ди газетри мащ1экъым а 1уэхугъуэм зэрытетхыхьар. Блэк1а илъэсым и дыгъэгъазэ мазэм ахэр къыщ1агъэк1ыу «Терек» зыгъэпсэхуп1э унэм щ1ыщ1агъэт1ысхьам щхьэусыгъуэ куэд и1эщ, ауэ абыхэм щыщу дэ дызыщыгъуазэр – а унэм псы хуабэ къызэрыщимыжыр арат.   Мы зэманым абы щ1эса…
18.09.2013.
Ныщхьэбэ "Эстрадэм и театрым" "Пащтыхьхэр" спектаклыр япэу щагъэлъэгъуащ. Удыхьэшхынумэ ущIэдыхьэшхыни щыIэт, адыгэм иджыпсту ди щытыкIэм уегупсысынумэ абы уезыгъэгупсысынури гъунэжт. Сталин Иосиф, Брежнев Леонид, Буденный Семен, Ленин Владимир сымэ иджыпстурей адыгэ щIалэм и пщIыхьым къыхыхьэхэри Iуэху куэдым щхьэкIэ зэдэуахэщ. Пащтыхьыгъуэр зыIыгъа Сталин сымэ къызэрыщIэкIымкIэ адыгэбзэри ящIэт, къафэхэми щыгъуазэт, иджыпстурей адыгэхэр жьгъей дызэрыхъуамэ иригузавэхэт. Псори жысIэжмэ гъэщIэгъуэнкъым. Мы мызамэм, тощIрэ етхуанэ махуэм а спектакль дыдэр къагъэлъэгъуэжынущи, феблагъэ. ФыкIуэмэ, фызэрыщIемыгъуэжынум шэч къытевмыхьэ.
Архивы
«« Апрель 2024 »»
ПнВтСрЧтПтСбВс
1234567
891011121314
15161718192021
222324252627
28
2930     
Вход для зарегистрированных пользователей

A PHP Error was encountered

Severity: Notice

Message: Undefined variable: MSO

Filename: custom/body-end.php

Line Number: 20

A PHP Error was encountered

Severity: Notice

Message: Trying to get property of non-object

Filename: custom/body-end.php

Line Number: 20

" />
Забыли пароль?
вход
Регистрация